Oshamaho_2010_2

Page 88

88

Сэ сылъэпэрапэу Ахьмэд и анэм деж сыкIуащ. Сэри абы сызэреджэр мамэщ. Мамэ жьэгум дэсти, сыкъызэрилъагъуу кхъуей хьэбыкъуэшхуэ къысIэщIилъхьащ. – Мамэ, гъуэмылэ… мэз докIуэ… – Ахьмэд и анэр нэхъу-нэхъуу къызэплъри шэжыпс къызыпыж и Iэхэр кIэпхынкIэ илъэщIурэ, щIыбым щIэкIащ: – А-а, тIасэ, здумышэ, гугъу уригъэхьынщ. Сэ мамэ и кIэкъуащIэр сыутIыпщри гу цIыкIум ситIысхьащ икIи Ахьмэд сыхудэплъеящ. – Хьэуэ, мамэ, си закъуэ сыкIуэфынукъым, сошынэ. Ныбжьэгъу щхьэкIэ умыщIэн щыIэ, ар згъэшынэнт, гу цIыкIум нэхъ тыншу зизгъэзэгъащ. Си ныбжьэгъур гуфэм дэувэри дежьащ. Ахьмэд бауэкIэщI хъуа щхьэкIэ, ар хуэму кIуэуэ хуэздэнутэкъым. Сыт дэгъэзеигъуэ? Неуэ, неуэ. Сытуи гъуэгуанэ кIэщIт: щIэх Iейуэ дынэсащ. Сэ къысхуэнар схуаубгъуа кIагуэжьым сытесу ныбжьэгъум банэ жыгхэр зэрыпиупщIым сеплъынырт. Ауэ сэ щIэхыу сезэшащ икIи, абы зыгуэркIэ сыдэIэпыкъун мурад сиIэу сежьати, лъэбакъуищи сымычу банэ къысхэуащ. Мис абдежым угъынумэ къеблагъэ. ЩIымэракIуэ IэмыщIэ къысхуищыпакIи сыхутеужакъым. Абы иужькIэ и кIэлошитIым сригъэувэри, езыр лъапцIэу пабжьэм хыхьэжащ. Сытми Iэщ къыдыхьэжыгъуэм пыдупщIынур пыдупщIри гур ткъузыжащ. Япэ щIыкIэ сэ тIэкIу сыкъэгузэващ: дауэ сызэрыкIуэжынур? Ахьмэд гум зэрылъэIэсыжыр гуахъуэпэмкIэщ, зыгуэру сыдригъэпщеину сощIри, банэр къысхэуэнукъэ? – Ухуеймэ, лъэсу нэкIуэж, хьэуэ жыпIэрэ, сэ къэзгъэзэжыху мыбдеж щыси усхьыжынщ, – щыжиIэм си пэр къыпылэлащ. Абдежым щIакъуэ нэпцIи зыкъэсщIаи, зызгъэгусаи, арщхьэкIэ си ныбжьэгъур нэбгъузкIэ къысхущIэплъ фIэкIа «быхъ» жиIэркъым. Нэщхъей дыдэ сыкъызэрыхъуар щилъагъум, хуэмышэчыжу дыхьэшхащ. – КъакIуэ мыдэ, – ар хьэмбыIуу тIысащ. – КъыдэтIысхьэ си пщэдыкъым. – Сэ куэдрэ зысIэжьакъым. Асыхьэтуи дыкъежьэжащ. Си IутIыжыгъуэ махуэти, нэхъ псынщIэу къуажэм сынэсыжу си ныбжьэгъухэм зэрызахуэзгъэлIыным сыхэтт, ауэ ар пIащIэртэкъым, хэбгъэзыхьмэ, дыкъызэрыкIуам нэхърэ нэхъ хуэмт. Си куэр псыф къэхъуащ. Сыт ар къыщIэпщIэнтIар? Сэ сыту сымыпщIантIэрэ? Езы Ахьмэдщ слэбакыр армыхъумэ, сэракъым. Ар щыжысIэкIэ, дыхьэшх фIэкIа нэхъ псынщIэу кIуэркъым. Дэ къуажэм дыкъэблэгъэжащ. Сэхуранхэм сащхьэпрыплъмэ, унэ уэнжакъхэр солъагъу, Iугъуэмэ къысщIехьэ, жэмым пежьа шкIэхэм я бу макъыр зэхызох. ЗгъэпIэщIэн си гугъэу сэ лъакъуэкIэ Ахьмэд и джабэм сотIыхь… Былымым я ужь диту дэ къуажэм дыкъыдыхьэжащ, дыкъэзылъагъум Iэпэ къытхуашийрэ я щхьэр ягъэкIэрахъуэу. Сэри зызгъэлIу дбгъурыту нех си ныбжьэгъу щIалэжь цIыкIухэм си бзэгур къахуиздзырт. – Юрэ тхьэкIумэкIыхь шыр къиубыдати, фIэгуэныхь хъури иутIыпщыжащ, – жиIэрт Ахьмэд. Сэри си щхьэр сщIырт, си фIэщыпIэ хъужауэ. ПщIантIэм дыкъыдыхьэжыху абы и пщэдыкъым сыкъыхудэкIакъым. Пщыхьэщхьэшхэ дышхуэху и куэщIым сисащ. А псом я щIыIужкIэ ди унэ зезгъэхьыжащ. Абы иужькIэ махуэ зыщыплIкIэ си ныбжьэгъур слъэгъуакъым. Жэщ


Issuu converts static files into: digital portfolios, online yearbooks, online catalogs, digital photo albums and more. Sign up and create your flipbook.