Уэрэд щIаусыр.Литературэ портретхэр.Къэжэр Хьэмид.Нал

Page 94

Л. Толстой быдэу жиIэрт цIыхум игъуэт гъэсэныгъэр зэлъытар и ныбжьыр илъэсиблым нэсыху абы и нэгу щIэкIыр арауэ, иужькIэ зэрызиужьышхуэ щымыIэжу. Пэж дыдэу, цIыхур щысабийм и деж абы ирагъэлъагъум, ар зыхэхуа унагъуэм илъ нэмысымрэ хабзэмрэ, къэзыухъуреихьхэм ядилъагъу зэхущытыкIэм – а псоми куэдкIэ елъытащ сабийм къищIыкIыну балигъыр зыхуэдэнур, абы гъащIэр къызэрыщыхъунур, дунейм ар зэрыхущытынур, нэгъуэщIу жыпIэмэ, абы и цIыхущIыкIэ хъунур. Хьэмырзэ адэ ткIийт, и щIалэми жриIэшхуэ щыIэтэкъым. Сабийр псоми щыщIэупщIэ лъэхъэнэм Ахьмэдхъан щитым абы псэлъэгъу нэхъ къыхуэхъур и адэшхуэрт. Жанхъуэт и къуэрылъху цIыкIум зы унафэ гуэр хуищIу тIысыжыртэкъым: адыгэхэм дэтхэнэ лэжьыгъэми пыухыкIауэ къыхуащтэ Iэмэпсымэр иригъэцIыхурт, абы нэхъ Iэрыхуэ узэрыхуэхъуну Iэмалхэр къыхузэIуихырт (белыр зэраIыгъыр, шэмэджыкI зэраубыдыр, къ.), абы къыдэкIуэуи лъэпкъым ижь лъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуэ IэщIагъэхэм, Iэужьхэм ехьэлIа нэщэнэхэм, хъыбархэм ар щIигъэджыкIырт. Жанхъуэт, лэжьыгъэ и пIалъэ зэрищIэм хуэдэу, шыпсэ, таурыхъ куэди ищIэрти, жепIэ псори тэмэму къэзыубыд щIалэ жан цIыкIур щIигъэдэIурт. Аращ тхакIуэ Нало Ахьмэдхъан и адыгэбзэ гуакIуэу нобэ тхылъеджэр дэзыхьэхым и къежьапIэр. Адыгэбзэм и IэфIыр абы игъуэу – щысабий дыдэм – къыIэрыхьащ. Баштекъузэрэ хэгъэзыхьрэ хэмыту, ауэ зэштегъэууэ дэуэршэр хуэдэурэ, Жанхъуэт фIыщэу илъагъу и къуэрылъху цIыкIум Iуэхугъуэ куэдым гу лъригъатэрт: адыгэ хабзэр зищIысым, нэмыс жыхуаIэм, нэхъыжьым хуащI пщIэм, щIалэр зэрыщытыпхъэм, захуагъэм, пэжыгъэм, лIыгъэм, къ. Адэшхуэм и псалъэмакъым щIэдэIу сабийм IупщIу абы къыхиубыдыкIырт, бгъэзэщIэнкIэ нэхъ гугъуу щытми, фIым зэрыщIэкъупхъэр, пцIым и Iуэхур, япэщIыкIэ ар нэхъ тынш хуэдэу къыщыпщыхъум и дежи, емыкIурэ губгъэнкIэ зэриухыжыр. Хуэмыхум сыт щыгъуи къылъысыр ауант. Ауэ хуэмыхур лъахэм бийр къыщиужьгъэм и деж зи джатэр зымыгъэбзэфым и закъуэтэкъым. Щхьэхри хуэмыхут. Хуагъэува къалэным къыпэзыкIухьри хуэмыхут. Хабзэм къыхуигъэфащэр зымыгъэзэщIэфри хуэмыхут. И адэшхуэм къыжриIэм шэч къытрихьэжыну зы щхьэусыгъуи зимыIэ щIалэ цIыкIум къыхуэнэжыр сытыт: «хуэмыху» зыфIримыгъэщу, «афэрым, щIалэфI!» – къызэрилэжьынт. Жанхъуэт фIэIуэхуу кIэлъыплъырт и къуэрылъху 94


Issuu converts static files into: digital portfolios, online yearbooks, online catalogs, digital photo albums and more. Sign up and create your flipbook.