Детский журнал "Нур"

Page 1

ISSN 0207-6551

1 2016


«ДЫГЪЭПС КЪАЛЭ» Апхуэдэ фIэщыгъэцIэ дахэ иIэу, цIыкIухэ, фэ къыфхузэIуахащ зыщывужьын еджапIэгъэсапIэ. Ар зи насып къихьар фэращ, ди гъунэгъу щIыналъэхэм яIэххэкъым «Дыгъэпс къалэм» хуэдэ академие. Лэжьэн щIидза щIыкIэкъым абы, гъатхэпэ хъуху Iэмал фиIэщ фыгупсысэну. Мыбдеж щыщыIэщ сабий гурыхуэхэм я еджапIи, фэ фыдэзыхьэх IэщIагъэхэм захуэвгъасэ щыхъуну гупхэри. Фи гурыхуагъэ зевгъэужьыну, фи щIэныгъэ хэвгъэхъуэну? Папэмамэхэм яжефIи зевгъашэ, зыхевгъатхэ а еджапIэм щыIэ гупхэм. Уэрэд жызыIэри, сурэт щIыным дихьэхари, спортым гу хуэзыщIари, IэпщIэлъапщIэ цIыкIухэри, техникэр зи псэм хэзымыххэри, къафэлъакъуэхэри фращIасэщ абы къыщыфпэплъэну егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ. Дэри дыволъэIу дыгъэпс къалэм зыхезыгъэтхэну ди дыгъэщыгъэ цIыкIухэм: – Сыт хуэдэ ехъулIэныгъэ фиIэ хъуми, «Нур» журналым фыкъакIуи къытхуэфIуатэ, фи лэжьыгъэфIхэр къытхуэфхь, хъун? Тхьэм фригъэхъулIэ! Фэ фщIыгъущ фи «Нурыр».

А. Б.


ЩIэщыгъуэм зи гур хуеIэм и гъуэгур мэхъу дыгъафIэ, ЩIэныгъэм зи псэ хуеIэр Аракъэ дунейгъафIэр?! Аброкъуэ Б. ЦIыкIухэ, мы иджыпсту фIыгъ журналыр кIэлъыплъынущ хэт фIыуэ еджэми, сыт хуэдэ еджапIэм хэт дапхуэдэ ехъулIэныгъэ щиIами, сыт хуэдэ зэхьэзэхуэм хэт щытекIуами. Дэ я хъыбар фхуэтIуэтэну дыхуейщ «Нурыр» зыщыгуфIыкIхэм ящыщу, Налшык дэт 29-нэ гимназием и егъэджакIуэ-еджакIуэхэм, я хъыбарыфI зэрыт тхыгъэ къытIэрыхьащи.

«Илъэс 16-м щIигъуауэ Налшык дэт 29-нэ еджапIэм щолажьэ Тэтэркъан Элладэ. Егъэ­ джэныгъэ IуэхукIэ абы зэпымыууэ IэмалыщIэхэр къегъэсэбэп, сабийхэм зэрызаужьыным къаруушхуэ хелъхьэ. Мы гъэ еджэгъуэм ар зыдэлажьэр езанэ классым щIэтIысхьа сабийхэрщи, школым щекIуэкI зэхьэзэхуэхэм хишакIэщ тхэкIэ-еджэкIэ зэзыгъэщIа къудейхэр. Псалъэм папщIэ, ахэр хэта къудей мыхъуу, икIи щытекIуащ урыс тхакIуэ Заходер Борис и тхыгъэхэм кърагъаджэу къалэ еджапIэхэм къыхузэрагъэпэща зэхьэзэхуэм. А цIыкIухэм къыхуагъэфэща «ГРАН-ПРИ» саугъэт лъапIэм зи фIыщIэ хэлъхэм дыгушхуэу я цIэ къыдоIуэ: КОВАЛЕВСКЭ Никитэ, БЭДЖИЙ Дисанэ, ЖЫЛЭТЕЖ Инал, БАРХАТОВ Руслан». Зи псы къэжэгъуэ ди дунейгъафIэхэм я хъыбарыфI куэд зэхэтхыну догугъэ, абы я ехъулIэныгъэмкIэ къыддэгуэша гъэсакIуэ-егъэджакIуэ ГЪУБЖОКЪУЭ РИТИ фIыщIэ худощI.


тхы

э i щ лЪы

ех, къып у х э м н цIыкIу ыIуех. ъ л ы жам, зэлъ » тх «Нур кIыфIыр хылъу бд . т м Нэхум уитынущ ибджыкIа Iэ ъ ъ папщ эНур к щIынущ к р э ф ж и , э «А Iущ у IыкIух ьащ. щ ц м къытех ар Мэзкууу I э ри уней эщIэ ъедж Тхыл Iэрыпс джэуэ фIащэу фхуагъ урэтс щ у » дах тхылъ и жьакIэ м хуэдэу щыфлъагъуэгъэзар х ы м жьы ащ. Сыт ! Мыбдеж ыщIэр зы э нэхъ з кърах фи гугъэ ащ. Тхылъ хуэбзэраб ыщIахэр а х I ы э т з у щ и х з эрэ бы къ усэбзэкIэ гъэ къыф этыщI Хь а и р ы хэ н, сур бзэр мэщ. щ, т адыгэ дыдэхэр джэ Арсеьбинэ сы цIыкIу э Джэры Урыс Ал усакIу Миланэ, лилэ

Тхылъ цIыкIухэми, сабийхэм хуэдэу, лъэтеувэ щыхуащI щыIэщи, ехъуэхъуурэ «лъабэдийуэ ирагъажьэ», гурыхуэ цIыкIухэр кърагъаджэ, итым топсэлъыхь.      «Ажэжьым и жьакIэми» хуащIат лъэтеуви,   а бы щытраха сурэтщ мыхэри:

Битокъу Маринэрэ Джэрыджэ Арсенрэ

ЖьэкIэмыхъу КIунэ еджакIуэхэм яхэсу

Урыс Аминэрэ Хьэлилэ Миланэрэ


ЦИЦЭ Джэду нагъуэр лъэпIастхъэурэ КIурэ и пIэ лъапэм дэпщейщ, шхыIэн щабэшхуэм зыхигъэщатэри, «гъур-р-р» жэуэ пырхъыу зыщиудыгъуащ. Мы дунеижьым и гущапIэ ис хуэдэт, ауэ псэ техуэгъуейуэ зы IэпапIэ иIэу къыщIэкIащ а дунейм; ар кIэрыщIауэ гъущI   хъарым ис бзуужь цIыкIу Пэджыдэт. НэщIэукъуанцIэр абы худэплъейри, мо Iейм и цыпэр пилъэфу зигъэкъабзэу щыIуплъэм, аргуэрыжьти, Iэл фIыцIэу къызэкIуэкIащ: «КIэрыщIауэ щымытарэт, бетэмал, а емынэжьейр, зэ лъабэ шиигъуэ сщIынурат. И псэ сэбэпыншэ тIэкIур хэзудынти, макIуэ-мэлъей. Е дыдыркъуш псалъэм ящымыщ, е мыгубзыгъэ, ди КIурэ къызэрыдихьэхари уэ къащIэ, а фейцейм еубзэу бгъэдэсыфынущ куэдIейрэ». А и хъуэпсапIэ тIэкIур щэхуу иIыгъ пэтми, къыдащIэ нэхъейуэ, псоми «Цицэ, тыхъ! Цицэ, тыхъ! Тыхъ, гъуамэ!» – афIэкIа жаIэу, зэхихтэкъым нагъуэ. Псори а Iейм тегужьеикIат. Худоплъейри, и губжьымрэ хъуапсэмрэ зэхыхьэжауэ: – «Уи-й, Пэ-джы-дэ, а уи пщэц къуэлэным хуищIэу щхьэ сыхэмыIэбэрэ… м-м-м…»    – мэгурым наужьыр. КIури делэ хъужауэ мо цыпищ фIэкIа мыхъу бзу IэмыщIэм сыхьэт бжыгъэкIэ йопсалъэ, мыдрейр «ЦицэжькIэ» кърешэкI, пщэдджыжь къэскIэ пIэм дэлъей­уэрэ къызэригъэушыр дагъуэ къыхуищIауэ. АрщхьэкIэ, фигугъэнщ фIыуэ къимылъагъуу, хьэуэ-хьэуэ, зыми къагурымыIуэ джэдуубзэкIэ КIурэ къыдоуэршэр зэзэмызи. Араи абы и насып

тIэкIур зыпыщIар, амыхъу «Тыхъ, Цицэ»кIэ зэфIэкIын фи гугъэрэт абы и Iуэхур: Куэд щIат и пащIэкIитIыр пIийуэ къызэрыщIадзрэ унэм, Хьэмыщэжьым и джэгупIэу. КIурэ и нэ топ цIыкIур къызэтрипхъуэтщ, блын сыхьэтым худэплъейри, «уэ ды-дыд, Цицэжь-гъуамэжь, щхьэ сыкъыумыгъэушарэ, сыхэжеящ» – пIащIэрыщIэу, шхыIэныкум кIуэ­­цIыс нагъуэжьыр къридзыхыу ,  къыщылъэтащ. Цицэ и цыр уауэ шэнтжьейм кIэщIэпщхьэри зыщIиудыгъуащ.  Зызэман и пщэдджыжь Iуэхухэр иухыу КIурэ абы къыщыхуеплъыхам, наужь губжьыр хэтIэсат. Мор къоIэбыхри: – Цицэ, зумыгъэгусэ. – Си пащIэ укъемыIусэ. – Цицэ, къысхуэгъэгъу… – КхъуеищIэ плъыжьу схуэгъэгъу. – Цицэ, шатэпс зыхуизгъакIэ. – Уэ, КIурэ, укъысщIонакIэ… А тIум я зэубзэжыр кIыхь хъу хабзэт, ауэ я щIыбагъкIэ макъ гъум къэIуащ:  – «Цицэ, тыхъ. Цицэ, тыхъ. Тыхъ, гъуамэ»! А макъыр къыздиIукIамрэ абы губжьу щIэлъамрэ къигъэуIэбжьауэ къызэплъэкIмэ, – зыри щIэскъым. Зэуэ, тIури зэплъыжащ. Ар жызыIар Пэджыдэт. Абдежым КIурэ дуней гуфIэгъуэр иIэу цы IэмыщIэм бгъэдэлъэдащ: – «Мэпсалъэ, си бзур мэпсалъэ», – жэуэ кIийуэ. Абы жиIар зи псэм ешыкъылIа Цицэ зэуэ и цыр уащ, – къыстекIуащ,  – жэуэ… И  тхьэкIумитIыр тегъэшауэ ар унэм къызэрыщIэкIуэсыкIами КIури Пэджыди гу лъатэххакъым. Хуэфэщэпс, хьэмэрэ?... КЪАРМЭ Iэсият


УЭРЭЗЕЙ Афлик

УЭС КЪОС Пщэдджыжьыпэм сыкъыдэплъым Ди щхьэгъубжэм – си нэгу щIокI: Папэ бом къыщIеш пцIэгъуэплъыр, Мамэ джэдхэр къыщIегъэкI. Уэс Iэмбатэр зи бгъэныщхьэ Бэкхъым жэмыр къыщобу. Къидыгъуну хуейщ шатащхьи, Щэхуурэ зеплъыхь джэдум... Хадэм илъщ изыбзэу уэсыр, Дадэ пщIантIэм щетхъур уэс. Ауэ уэсыр къосри къосыр, Къосри къосыр махуэ къэс.

КЪЭЗАН ФатIимэт

ЭС У ЯПЭ щ, эгужэ эх. ж э н р хь Уэсы р пфIыде хьэм э щ Уи пс усэу бгы ъ г . Дызэ зэрохьэх ы Дыкъ , дожэ д ы ъ ри к бгъэ ежыхь. ы ь , Ж п къыт Iу щытми . Зэми щ эр кIэ эр кIыхьщ у х а М у фIэгъ у г и Д , ахуэм м ы I тщ плъа ъущ. г э п ы I ы щ С дызэ уэм Иджы эщIэ мах . хь Сэ а сыщогугъ Iэ ФIык


АФЭЩIАГЪУЭ ЗОЕ

гущэ Гущэ, гущэ, гущэ щабэ, ЩабэрыкIуэу бжьиз зымыкIу, ЦIыкIухэм я жеипIэ хуабэ, ЗыпщагъэнщIыркъым зыцIыкIу. ПщIыхь IэфI дыдэхэр зи куэду Сабий цIыкIухэр зрапIыкI, КIэ зимыIэ уи уэрэдыр Нанэ зэи жьэдэмыкI.

БЖЭН ЦIЫКIУ Жьыгуэ, жьыгуэ, жьыгуэ цIыкIу, Ди бжэн цIыкIур бзаджэ цIыкIущ, Iуэм къибгъэкIмэ, уей, уей, уей ПкIауэм хуэдэу ар допкIей, УщIигъаплъэу и бжэн лъэгу, Къалъэ-къапкIэу къыбдоджэгу, Зы дакъикъи пхущымыс, КIапэху цIыкIур егъэсыс, «Мэ-Iэ» жиIэу, тIэкIу йокIуэт, Къопыджыну хуэдэщ хэт, ТIэкIу дегъэкIри къыщеуд, «Жьыгуэ» – жиIэу, уреуд!

ЩЫНЭ ХЪУРЫФЭ Хъурэ-хъурэ-хъурыфэ, Щхъуэ-фIыцIафэ хъурыфэ, Уи фэ-джанэри афэу, Афэ джанэр уфафэу, КIапэ пшэрыр дэуейуэ, Бжьакъуэ цIыкIухэр бгъэтIейуэ, УкъокIуэжыр, улъейуэ, УкъокIуэж, удэлъейуэ.


Дэ къытхуатх

ЩIЭБЛЭ ДАХЭ


Ди щIэджыкIакIуэ цIыкIухэ, фи нэгу къыщIэвгъыхьэт хуабжьу фелIалIэу, федэхащIэу, фи Iубахъэ щIэууэ вгъэкIа удз гъэгъа дахащэ цIыкIур нэгъуэщIыпIэ яхьу а здахьам и щIым деж щыхасэжауэ. Алейуэ IупщIэ фымыщI, сэ сощIэ фэ фызэрыгуфIэнур а удз цIыкIум нэхъри нэхъ зиужьауэ флъагъумэ. Дэнэ щымыIэми а дахэр фэращ зыгъэкIари,ар фыфейщ, гъагъэ къудеймэ фыгуфIэнущ, пэжкъэ? АтIэ абы ещхь хъыбар тхуитхыжат ГУГЪУЭТ Заремэ, хамэщI щыпсэу адыгэ сабийхэр илъэгъуа иужьи, мис а тхыгъэр. «Нурым» къеджэ ди сабийхэ, дыхуейщ мы тхыгъэмкIэ фахуедгъэблэгъэну Тыр­кум щыпсэу ди адыгэ щIэблэм. Ахэри я теплъэкIэ фэ фэщхьыркъэпсщ, фэ фхуэдэу Iущыцэхэщ, дахащэу къофэ, адыгэбзэкIэ зопсалъэ. Дэ гупыфI дыхъуу Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэр дахуеблэгъат Тырку щIыналъэм щыпсэу адыгэхэми, ядэтлъэгъуар фхуэтIуэтэжынщ. Ди гупым я гуащэр университетым и егъэджакIуэ Бакъ Зерэти, абы мураду иIэт а къэралым щыIэ Адыгэ Хасэхэм я деж къыщищIэну адыгэ щIэблэм я хъыбар. Драгъэблагъэри, дыхэплъащ Маргъущей къуажэм щыпсэу сабийхэм я дуней щхъуэкIэплъыкIэ; ахэр адыгэбзэкIэ зэрызэпсалъэр зэхэтхащ, я къэфэкIэр

зэдгъэлъэгъуащ. ЦIыкIухэ, а хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм сытым хуэдэу яфIэфI фи гугъэ къэфэну, икIи, зэрыадыгэм дэр нэхърэ нэхъ зрагъэщIагъуэу къыпщохъу ахэр утыкум щиткIэ. Я фащэ зэкIужхэми моуэ нэхъ пагэ щIохъукI. Дэри даIуплъэхукIэ дыгуфIэурэ ину Iэгу дахуеуэрт, нэхъри дгъэгушхуэт. Хъуэпсэгъуэкъэ атIэ уахэплъэну, уэ сурэт птрахам ещхьу, зи зэхэтыкIэ-джэгукIэкIи, зи гупсысэкIэкIи уэщхь сабийхэм! Дигу хагъэхъуащ Мараш къалэм къегъэщIылIа къуажэхэм я цIыкIухэми. Дэ урысыбзэкIэ куэдрэ дыщызэпсалъэ щыIэщи, ар фIыкъым, адыгэбзэм зыкъытхуегъэгусэ. АтIэ, а сабийхэм тыркубзэр фIыуэ ящIэрэ пэт, адыгэбзэр дахэ дыдэу ягъэшэрыуэрт. Дауи, къуажэдэсхэрат нэхъыфIу псалъэр. Къайсэр къалэшхуэм щыIэ Адыгэ Хасэм хэтхэм дэ я хъыбар къытхуаIуэтащ къалэдэс сабийхэми. Абы къэфэкIэ зэзыгъащIэ, адыгэбзэр зыдж гупжьейхэр яIэщ. Анэдэлъхубзэм нэхъ цIыкIу дыдэхэр хурегъаджэ Бжьы­хьэлI Онур, Iэмал щIэщыгъуэхэр къигъэсэбэпу, дэджэгу хуэдэурэ дригъэхьэхыу. А егъэджакIуэфIым къыгуроIуэ цIыкIунитIэ щIыкIэ сабийм йумыгъэщIар иужькIэ къызэрыхуэмыщтэжынур. Дэ тырку сабийхэм яхуэтшат «Нур» журнал цIыкIури, флъэгъуащэрэт ахэр абы зэрыщыгуфIыкIар!


IУМЫЛ ДЫХЬЭШХРИЛЭ ЩIымахуэ уаем дунейр сытхъукIэ зэщIиблауэ щтрыгъут. Гъуэгу зекIуапIэхэм утемыхьэфу цIэнтхъуэрыгъуэт. Аракъэ-тIэ еIуящIэ щIалэ цIыкIухэм яхузэрымыгъэгъуэт дунейр! Чэруан пIащIэ-тхъытхъыу зэрызихуапэр щилъагъум, нанэ ар къигъэувыIэри и фIэщыпэу жриIащ: – УщIэкIыу, пIытIэ, Iумылыр зыщумыгъэдыхьэшх. – Уа, Iумылыр дыхьэшхыура-тIэ? – Ар ауаныщIщ икIи бзаджэщ, убэлэрыгъамэ, тхьэ, гущIэгъу лэпкъ имыIэну. Зэпсалъэр къызэремыдаIуэр къыщыгурыIуэм, нанэ и Iуэху яужь ихьэжащ,– сакъ уэ, пIытIэ, – жэуэ Iущащэурэ. Мыдрейм нанэ жиIэ къомыр зэригъэзэхуэну зэман иIэт, дуней жьычыр щIемыгъуэж щIыкIэ илъэдэкъэщIыкIыу щIэжри, лъэр зытемызагъэ мылгъурыджэм техьащ. КIарцей щIагъым деж иIа псы инам и щхьэфэр тещтыкIати, Лиуан цIыкIуи абдеж чын щигъэвууэ тетт. Чэруан и хьэмыщэжьми апхуэдэ тхъэжыгъуэм зыхигъэныжынт, япэ иту уэрамым къыщытелъадэм, Лиуан къащтэщ (а пэцихуэр хьэхэм ящышынэрт), я пщIантIэ дэлъэдэжыну зричщ аби, щIэцIэнтхъукIри – барфэ! – мылым теукIуриящ. Ар зылъэгъуа Чэруан «пIытхъ» жэуэ къыщитхъри, зэуэ зызэтриубыдэжынуи хэтащ, арщхьэкIэ мо къэтэджыжыну къеIэр щIэцIэнтхъукIыжурэ пхэщIкIэ зэрытехуэжыр, хьэлъакъуиплIу мыл гущIыIум «къызэрыщыфэр» щилъагъум, и дыхьэшх зэрылъэлъым хьэблэ псор зэщIищтэри, нани пщIантIэм къыдишащ. – Ас-сымыгъуэ, дунеижьыр къыумыгъэдаIэу, мо уи ныбжьэгъур къэбгъэтэджыж хъунукъэ, ы-ы?! Чэруан, зыкъищIэжри, укIытауэ щIэпхъуащ, арщхьэкIэ, имыщIэххэу кIарцейм къыпыхуа чыцIыбжьэм теуващ, щIэцIэнтхъукIри – барфэ гущэ!

– Лиуан жьэхихьэу щхьэпридзащ. Мыдрейр къыщылъэтыжри абы къыщхьэщыувэжауэ матхъэ, узаIами щыгъупщэжауэ и Iэпэр щылъым хуеший. – Iумылыр къыпщыдыхьэшхынщ щIыжысIар арат, насыпыншэ,– мэдыхьэшх нани. – Уэли, дыхьэшрилэ гуэрым-тIэ ар, – Чэруан къыдэплъеймэ, и ныбжьэгъум и Iэр къишийрт. Ар иубыдщ, къэтэджыжри, тIуми IэплIэ зэхуащIащ,– «Зэрыдыхьэшх едгъэлъагъуни дэ абы», жыхуаIэу къуейщIеитIыр зэрыIыгъыу, хьэмыщэжьми дэцымейуэ я хъуреягъыр къижыхьу. Нанэ ахэм еплъщ-еплъри: – Тхьэ, сэ ныбжькIэ сыфпэмыхъуну мыгъуэ, фымэжалIэмэ фыкъыщIыхьэжынщ, – жери щIыIэм игъэкIэкуакуэу дыхьэжащ.

ХЬЭТУ Пётр


IуэрыIуатэ

ЖЫГ ТЕЛЪЫДЖЭ

Еуэщ-еIэщ аби, зы лIыжь цIыкIу мэзым пхъашэ кIуат. Мэзым нэсщ, жыг дахэ гуэрым бгъэдыхьэри, къигъэуэну ехъуапсэу и джыдэ жаныр щиIэтым, жыгыр къэпсэлъащ: – Дадэ махуэ хъун, сыпумыупщIу сыкъинэ, узыхуей дыдэр пхуэсщIэнщ! ЛIыжь цIыкIур къэщтащ. Укъэщтэнтэкъэ атIэ жыгыр адыгэбзэ къабзэкIэ къыщопсалъэкIэ, ауэ, гупсысэщ-гупсысэри, мыр жриIащ жыг телъыджэм: –  КъысхуэпщIэнумэ, витI-жэмитI-мэлитI къызэт! – Хъунщ, витIи жэмитIи мэлитIи уэстынщ, уигу загъэу кIуэж,– къыжреIэ. ЛIыжь цIыкIум дзапэ уэрэд къришу къэкIуэжщ и уни, пщIантIэкум иту Iуплъащ зыщIэлъэIуа псэущхьэ угъурлыхэм. Хуабжьу гуфIащ, цIыхухэм ещхьу сыпсэункъэ иджы, жери. Ауэ ар фIэмащIэ хъужщ, етIуанэ махуэм мэзым кIуэри, джыдэ зэщIэлъыкIар иIыгъыу жыг телъыджэм зытришэщIащ. Жыгыр, къэгузэвауэ, и макъ дахэмкIэ къолъаIуэ: – Дадэ махуэ хъун, кхъыIэ, сыпумыупщIу сыкъинэ, сыт ухуейми пхуэсщIэнщ. – Зы мэл гуартэ, шы табын, къызыхуэтыншэу псэуалъэ, унэлъащIэу щIэхуэн! – жреIэ жыгым, и нэ мыупIэрапIэу. – Хъунщ, а псори бгъуэтынщ, уигу загъэу кIуэж. ЛIыжь цIыкIур, дуней гуфIэгъуэр иIэу, унэм къэсыжмэ,– зыщIэлъэIуа псори иIэу къыщIокI. Мис ар тхъэжыгъуэт! И    джэдыгу бацэр и плIэм фIэдзауэ унафэ и Iэхъуэ-шыхъуэхэм яхуищIу,мылъку къеуэлIар зэригъакIуэурэ тхьэмахуэ докIри, и джыдэм хуеплъэкIыу хуожьэ.Куэдрэ гупсысакъым, жыг телъыджэм деж кIуэри зытришэщIащ: – Пщы сыхъуну сыхуейщ! – Хъунщ. Пщы ухъунщ. КIуэж.

Къыздэсыжам, пщы хъуауэ кърохьэлIэж: цIыхухэр къодаIуэ, пщы унафэ ещI, адрей пщыхэми пщIэшхуэ къыхуащI. АрщхьэкIэ, лIыжь нэпсейр и псэ хуитыжтэкъым, а зызэримыгъэнщIым езыри теплъаджэ ищIырт. Тхьэмахуэ нэхъ дэмыкIыу жыг телъыджэм деж и джыдэр иIыгъыу кIуэри, унафэ зэрищI макъ ткIиймкIэ жриIащ: – Сэ пащтыхь сумыщIмэ,иджыпсту уизупщIыкIынущ! – АтIэ ар куэдрэ!-жи жыг телъыджэм.– Мыдэ а уи пэр къызэгъэIусэ! ЛIыжь цIыкIум и пэр жыг пхъафэм зэреIусэу, жыгыуIу хъури лъэтэжащ! «Нурым» хуэзытхыжар Аброкъуэ Беллэщ


«НАРТЫМ» И ЩIЭБЛЭ Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ ныбжьыщIэхэм 2015 гъэм ирагъэкIуэкIа чемпионатыр иухащ. Зэхьэзэхуэр зэфIэкIыным иджыри зы джэгугъуэ иIэжу абы текIуэныгъэр къыщихьащ Нарткъалэ и «Нартым». Гъатхэм щыщIэдзауэ бжьыхьэ кIасэ хъухукIэ екIуэкIа зэпеуэм нарткъалэ­дэс ныбжьыщIэхэм фIы дыдэу зыкъыщагъэлъэгъуащ. Зэхьэзэхуэм хиубыдэ джэгугъуэ 30-м щыщу 25-м ахэр щытекIуащ. Псом нэхърэ нэхъыбэрэ я хьэрхуэрэгъухэм я гъуэм топ яхудэзыгъэкIари  ахэращ   – 141-рэ. Гупым хэту зыIэригъэхьа дыщэ медалым къищынэмыщIауэ щхьэ закъуэ ехъулIэныгъи иIащ «Нартым» и пашэ Хоранов Марат. КъыпэщIэта коман-

дэхэм я гъуэхэм абы и закъуэу мы гъэм топу 59-рэ гъуэм дигъэхьащ икIи апхуэ-­ ­диз дыдэрэ Бахъсэн и «Автозапчасть»-м щыджэгу Къэнэмэт Мухьэмэд дэщIыгъуу республикэм и ныбжьыщIэ зэхьэзэхуэм и гъуащхьауэ нэхъ лъэщ хъуащ. Урысей Федерацэм футболымкIэ и ещанэ, етIуанэ дивизионхэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэхэм 90 гъэхэм ехъулIэныгъэ иIэу хэта Нарткъалэ и «Нартым» щIэблэ лъэщ къызэрыщIэхъуэм и щыхьэтщ абы и ныбжьыщIэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым пашэныгъэр зэрыщаубыдар. Ахэр зыгъасэ тренер щIалэщIэхэу Балъкъэр Ислъамрэ Мэсей Беслъэнрэ дяпэкIи я текIуэныгъэхэмкIэ дызэрагъэгуфIэнум шэч къытетхьэркъым. Жыласэ Заур


ЩIЫМАХУЭ ПХЪЭЩХЬЭМЫЩХЬЭХЭР УпщIэрейхэ, щIымахуэ пхъэщхьэмыщхьэхэр фыдогъэцIыху. Фэрэ дэрэ щIымахуэ мэзым дыхыхьэмэ,сыт абы щытлъагъунур? Дэ дощIэ фэ IупщIэ фщIыуэ зэрыжыфIэнур: «ЩIымахуэ мэзу плъыфэ дыдэ зимыIэжым сыти щытлъагъун?.. Жыг тхьэмпэншэхэр щхьэпцIэ дыдэти, хьэщхьэтеуэм фIэгуэныхь хъури уэс пыIэ ящхьэритIэгъащ, лъэгум уэс тепIэн трипIэжри мэзыр зэщIиуфащ». Дапщэщи хуэдэу, фэ фызахуэщ, ауэ, хьэлэмэт дыдэу нэм щIэуэу а щIымахуэ мэзым и жыг хужьхэм тхьэгъу плъыжь цIыкIу къапыблэблу зэи флъэгъуакъэ? Хьэмэрэ, быж дахэ я бгъэм хэгъэсауэ, е кхъуэщыныфэ щыгъэ ярылъу, й-иы? АтIэ, МэЛЕЙ Фатимэ фрегъэблагъэ щIымахуэ мэзым.

Нэхущым къесын щIэзыдза уэсым ихъуреягъкIэ псори хужьыбзэ къищIащ, псыежэхым фIэкIа къэмынэу. Ар къуэ лъащIэм зиIуантIэ-зишантIэу кIуэцIрож. Псыежэхым адэкIэ мэз къыщытщ. Уэсыр зытелъ мэзыр щIэращIэщ икIи тIэкIуи шынагъуэщ. Къудамэхэм уэсыр хуэфIу ятелъщ. Нэхъри нэхъ куууэ мэзым ухэкIуатэмэ, плъыжьыпс зэрыджэр нэм къыIуедзэ. Ар дахэщ, IэфIщ (зыфIэфIым дежкIэ), сэбэпщ. Пхъэщхьэмыщхьэ жыг псоми хуэдэу ар гъатхэм хужьыбзэу гъагъэми, къыпыкIэр щыхъур щIыIэбжь къэхъуа нэужьщ. Абы щыгъуэ зэрыджэм и дыджагъыр щIокIри хъугъэпс IэфIыр къыщIохьэ. ЩIымахуэм мылъэтэж бзухэм я шхыныгъуэщ зэрыджэр. Зэрыджэм ещхьу, Iэрамэ-Iэрамэу пыт мыщэхупщхэмкIи (рябина) мэзыр къулейщ. Нэр ягъэгуфIэу хужьыгъэм къыхощ гъуэжь-плъыжьыфэ пхъэщ­ хьэмыщхьэхэр. Гъатхэм гъэгъа мыщэхупщейм къыпих мэ гуакIуэм бжьэ цIыкIухэр куэду йопщI. ЩIымахуэ́кIэ хъухукIэ пымыщэщыжу мыщэхупщ Iэрамэхэр жыгхэм пытщ. Мыжеямэ, мыщэжьым зегъэ­тхъэж мыщэхупщкIэ. Къущхьэмышхри (мушмула) ящыщщ щIымахуэ пхъэщхьэмыщхьэхэм. Кхъуэщыныфэ хъурей цIыкIухэщ, ауэ дэшхуэ хуэдиз хъууэ, пIащэхэми урохьэлIэ. ЩIымахуэр къэсу, япэ щIыIэбжьыр къызэреуэу, быдэ дыджу щыта къущхьэмышхыр щабэ, IэфI мэхъу. ГъэщIэгъуэнщ тхьэмпэ зыпымыт жыгым къущхьэмышх хъурей цIыкIухэр пыту щыплъагъукIэ. Апхуэдэ жыгхэр бзухэм я тIысыпIэщ. ЩIымахуэми мэзым щымэжэлIэнукъым бзу цIыкIухэмрэ псэущхьэхэмрэ.



ПСАЛЪЭЗЭБЛЭДЗ

«АШЭМЭЗ»

УпщIэх эр: 1 щапIа щIыунэ . Ашэмэз щ аI м я гуащ э. 2. И ар къыщIэз ыгъа, зыы благъу эм зэр бжьамиймрэ ха нартхэ идыгъу зыIар. ар Аш Ахумыдэрэ 3. Нар эм кIэн къ ыфIэзы т КъуийцIыкI эз къыжеу дэдж хьэхуа 4. Бла на эг гъ нартхэр уэм и хэщIа ртхэ я лIыхъ уу у п жь. Iэ р къал махуиб 5.  Ахум лкIэ к ъыхъуэ ыдэрэ у, IыфIу б унэм к ъыщIзз жьамиймрэ б зытетар. ых 6.  Ашэм лагъуэм эз и ад а нартхэ я и я тхьэ э Ашэ зыукIар лIыхъужь. Iухуд: . 7. На Данэр « ртхэ зи фэи Бырыбыхур л зи хэд з ыкI». 8 ъхьэгъуэ, Ды и джанэ, ж .  Зи бг гур кър ъэр зэ ьыныгъуэр и гуэзыпх яхуэзы хыу гъуэгуан ъуу э ­гъ зэредж эбла лIыхъуж кIыфIыр нарт и эр (и ф х ь эр). 10 . 9. Ашэ и ш эм къезыт . Ашэм ар. эз бжь ым амий Жэуапх эр п джэнщ и, Быд эжмэ, къехы эх у фы зэфIэкI къе ыр къэ у дахэу жыж фIщIэн ь аплъэм щ . Жэуап и хэ

тетыну

щ.

р къы кIэл

ъыкIуэ

Зыгъэх

къыдэ

ьэзыра

кIыгъу эм

р Хьэту

П.


Ежемесячный литературнохудожественный журнал для детей Издается С 1 января 1982 года № 1 2016 г. Учредители: Госком КБР по печати и массовым коммуникациям, 360000, КБР, г. Нальчик, пр. Ленина, 5 Общественная организация «Союз писателей КБР». Главный редактор Б. АБРОКОВА Редколлегия: Х. Кармоков А. Кармова Е. Тхамокова Х. Тимижев П. Хатуев Художественный редактор Е. ФАДЕЕВ Художник М. Халилова Свидетельство о регистрации № ПИ № ТУ07–00103 от 24 декабря 2014 г. Управление Федеральной службы по надзору в сфере связи, информационных технологий и массовых коммуникации по КБР. Подписано к печати 15.01. 2016 г. Выход в свет 28.01. 2016 г. Формат 60х90 1/8 Бумага офсетная № 1 Гарнитура Tolstyak, Arial Cyr Печать офсетная Усл.печ.л. 2 Усл.кр.-отт 8 Уч.-изд.л. 2,7 Тираж 2820 экз. Заказ № 081 16 Индекс 73912 Стоимость одного номера по подписке через ФГУП «Почта России 13,19 руб.; за 6 мес.- 79,14 руб. В розницу - цена свободная. Адрес редакции: 360000, Нальчик, пр. Ленина, 5 42-75-30, 42-17-53 nur46@mail.ru Адрес издателя: 360017, г. Нальчик, пр. Ленина, 5. ГКУ «КЦО СМИ КБР». Дом печати. Отпечатано ООО «РИАСОФТ», 367013, Республика Дагестан, г. Махачкала, пр. Гамидова, 17

шыгъэлыгъуэ Ирэ Налшык 2-нэ лицейм щоджэ, е 1-нэ классщ, къэфэну, уэрэд жиIэну фIэфI дыдэщ.


Issuu converts static files into: digital portfolios, online yearbooks, online catalogs, digital photo albums and more. Sign up and create your flipbook.